Адыгэ литературэ 2

Хэку зауэшхуэр, абы лIыгъэ щызезыхьа ди цIыхухэр къызыхэщыж художественнэ тхыгъэхэр

Прозэм щыщу яджа тхыгъэхэмIкэ зэрызыкъапщытэж лэжьыгъэ

Пычыгъуэр  зыщыщ тхыгъэр, авторыр, зи гупсысэр гъэбелджылын.

1

Бгы лъагэ щIэплъыпIэм и пэнтIыкъым къытеувауэ лIышхуэр тетт. Цей хужьыр уафэ щхъуантIэм къыхэщт, абы кIэрагъэпщIа сурэт хуэдэ, и Iэ ижьым сэшхуэр IэщIэлъу, сэмэгум маузерыр Iэтауэ иIыгъыу. – ИщIагъым щIэтхэм къащыхъут бгъэшхуэ хуарзэу къащхьэщыту.
Таурыхъым хэт нарт хъыжьэм хуэдэт ар.

2

Сыту куэд щыIэ иджыри мы ди щIалэгъуалэ зи ныбэ изым къагурымыIуэу. Iyэxyp а щIакхъуэм и уасэркъым, атIэ ар зэрыщIакхъуэрщ. И уасэркъым лъапIэр, езы щIакхъуэрщ – ерыскъырщ. ЩIакхъуэм и уасэр щIэпудыр езыр пуду аракъым, атIэ цIыхум хуиту, пуду яшхын хуейщи аращ.

3

Гъуэгуанэ жыжьэ къызэрызэпачар пщIэуэ ешахэу, я щхьэр фIэлэлу, ерагъыу я лъакъуэхэр зэблахыф къудейт шыхэм. Сабий мэжэщIалIэхэр, уэдыкъуахэр зэфIэмысыжыфу, хуабэм игъэделауэ гухэм илът. Бзылъхугъэхэр зэрабгъэдыхьэу, я щхьэ цIыкIухэр къаIэтурэ къаIэщIэплъэрт.
– Е-уей, тхьэмыщкIэхэ, гъаблэм ехь. ПсынщIэу фыкIуи фи гъуэмылэхэр къахуэфхь, – унафэ ищIащ абы.

4

«Ди адэ-анэхэр щIэпсэур дэращ, гугъу зыщIрагъэхьар нобэ хуэдэ зы махуэщ, балигъ дыхъуу я гугъуехьым зы лъэныкъуэкIэ зыкъыпэщIэдгъэкъуэну, жьы хъухэм тпIыжыну къытщыгугъыу. Дэри мыхэращ дыщIэпсэур», – жиIэрейт тхьэмыщкIэм.

5

«Хэт ущыщми укIуэдыжынущ, гува-щIэхами щIым щыщ ухъужынущ. Ауэ уи щхьэ умыгъэпуду упсэумэ, лIыгъэщ, щэнщ. ДжэгуакIуэм жиIар сыт: щIыхьыр къызэрахьыр лIыгъэщ, уэсэпсу кIуэдыж мылъкум напэри зэдехь. Зэхэфхрэ, – нэхъ макъ ткIийкIэ, нэхъ хикъузэу жиIащ адэм, – хьэлу Iыхьэ, Iусыпэ щхьэкIэ фи щхьэ фымыгъэпуду фыпсэу; фи къыртIым къамэ къыщIагъэувами, фымыдзыхэ,
фи щхьэ фымыгъэцIыкIу, зывмыгъэпуд – лъэпкъ нэмысыр, адыгэ напэр фхъумэ. ЦIыхур куэдым егъэпуд…»


Начните вводить текст и нажмите Enter для поиска